Адыгэпсэ’р, Шимали Кавказ Дернегим (Хасэм) епхауэ зэхагъэува Адыгэ Гупсысэ Гупым и лэжьыгъэхэм ящыщу, щlэныгъэм, культурэм икlи гупсысэм теухуауэ щытыну зы журналщ. Адыгэ культурэм щыщу тшlэ, зэхэтха зетхьэ фlагъ, дахагъахэр тфlэмыкlодыным, тщыгъупщэжьыным нэса фlагъ дахагъэхэмрэ шlэныгъэхэмрэ зэфlэдгъэувэжьыным, къэдгъэщlэрэщlэжыным теухуауэ литераурэм хэлъхьэныгъэ хуэхъун, культурэр гъэпсэун мурадкlэ журналыр зытеухуауэ щытынур Адыгэхэр арауэ дгъэнэхуащ.
Къагъэхьыну, къытрадзэну тхыгъэхэр, Адыгэхэм я блэкӏар, я нобэр икlи я къэкӏуэнур къызэщlиубыдэурэ зэрыщыт щlыкlэхэр къэзыгъэлъагъуэу, проблемэу яlэхэр къэзыгъэнахуэу, мы проблемэхэр зэрызэфlэпхыфынум теухуауэ гупсысэ, еплъыкlэ сэбэп хъунухэр къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэхэу щытыным дыхуейщ. Бзэ зыбжанэкӏэ къыдэкӏыну Адыгэпсэ журналым, дунейм и щlыпlэ куэдым щызэбгырыдзауэ щыпсэу Адыгэ лъэпкъым и макъыу щытыныр мураду зыхуегъэув, икlи Адыгэхэм ехьэлlауэ жиlэну псалъэ зиlэ псоми тхакlуэу е еджакlуэу я дэlэпыкъуныгъэм поплъэ.
Журналым къагъэхьыну тхыгъэхэр info@adigepse.com адресым къэгъэхьын хуейщ. Тхыгъэр къагъэхьа нэужькlэ тхакlуэм къэхутакlуэм и тхыгъэр журналым къызэрэlэрыхьам теухуауэ маилкlэ хъыбар иратыжынущ. Тхыгъэ къагъэхьынухэр тхэкlэ хабзэхэм, ди веб-сайтым илъ шаблонымрэ ӏетич хабзэхэмрэ язэгъу зэрэщытыными дыпоплъэ.
Пщlэ Фхудощl.
Адыгэпсэ Журналым и Къыдэгъэк1ак1уэ Гуп
Журналым и Паспорт:
Цlэр: ADIGEPSE / АДЫГЭПСЭ
Хуежьэгъуэ Илъэсыр: 2024
Журналыр Зытеухуар: Адыгэхэр
Зеир: Шимали Кавказ Дернегим (Хасэм) и цlэкlэ Шыгъэлыгъуэ Абдурpахьман Къаты
Редакторыр: Брам Алааттин Байрам
Илъэсым тlуэ къыдэкӏынущ
Адыгэпсэр,Шимали Кавказ Дернегим (Хасэм) епхыгъэу зэхагъэуцуагъэ Адыгэ Гупшысэ Купым ыlофышlэхэм ящыщэу, шlэныгъэ, культурэ ыкlи гупщысэм фэгъэхьыгъэу щытыщт зы полуакадемическэ журнал. Адыгэ культурэм щыщэу тшlэ, зэтхьэрэ шlуагъэ, дэхагъэхэр тышlомыкlодыным, тышыгъупшэжьыным нэсыгъэ шlуагъэ, дэхагъэхэмрэ шlэнхэмрэ зэшlодгъэуцожьыным, щытыкlэшlоу щыдгъэтыным фэгъэхьыгъэу литературэм хэлъхьэ тыфэхъун, джащ фэдэуи кутьтурэр тыгъэпсэун мурадкlэжурналэр зытеуфагъэу щытыштэр Адыгэхэр арэу тыгъэнэфагъ.
Къагъэхьышт, къытрадзэщт тхыгъэхэр, Адыгэхэм ятыгъуасэрэ, янепэрэ ыкlи янеущэрэ къызэкlиубытэзэ зэрэщыт шlыкlэхэр къэзыгъэлъэгъощт, проблемэу яlэхэр къэзыгъэунэфыщт, мы проблемэхэр зэрызэшlопхыщтым фэгъэхьыгъэ гупщысэ, еплъыкlэ шъхьапэхэр къэзгъэлъэгъощт тхыгъэхэу щытынхэм тыфай. Бзэ бэ зиlэщт Адыгэпсэм, дунаем ичlыпlэ бэм щызэбгырытэкъугъэу щыпсэурэ Адыгэ лъэпкъым имакъэ хъунэр мурадэу зыфегъэуцужьы ыкlи Адыгэхэм фэгъэхьыгъэу къиlощт гущыlэ зиlэ пстэуми тхакlоу е еджакlоу ядэlэпыlэныгъэм паплъэ.
Журналым къагъэхьыщт тхыгъэхэр/статьяхэр info@adigepse.com адресым къэгъэхьын фай. Тхыгъэр къагъэхьыгъэ нэужым тхакlом/ушэтакlом итхыгъэр журналым къызэрэlэрыхьагъэм фэгъэхьыгъэу маилкlэ къэбар рагъэшlэщт. Тхыгъэ къагъэхьыщтхэр тхэкlэ хабзэхэмрэ ти веб-сайтым илъ шаблонымрэ этическэ хабзэхэмрэ язэгъэу зэрэщытыными тыпаплъэ.
Лъытэныгъэ Шъуфэтэшlы.
Адыгэпсэ Журналым и Къытедзэкlо Куп
Журналым и Паспорт:
Цlэр: ADIGEPSE / АДЫГЭПСЭ
Фежьэгъо Илъэсэр: 2024
Журналэр Зытеуфагъэр: Адыгэхэр
Зиер: Шимали Кавказ Хасэм (Дернегим) ыцlэджэ Шыгъэлыгъо Абдурахьман Къаты
Редакторэр: Брам Алааттин Байрам
Къыдэкlыгъор: Илъэсым тlо